СыдкIэ уигу сеуа - текст песни

    схуэгъэгъэжкъым розэу уэ уи нэкIуыр
    нэ къуэлэнхэм си сурэт къимыщ.
    си сэламри – щIыIэ щохъу уи Iэгум
    уигуми щэхуу гуауэ къеIущэщ.

    дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха
    сэ уэрэдкIэ гъащIэм ухэстха
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?

    сынопсалъэм – щIыбкIэ зыбогъазэ,
    Сэтэней хуэлъакъуэу щIым уоплъых.
    уэ сыппоплъэр гъащIэм щызимазэ
    уи Iуплъэгъуэ закъуэм сыщIохъуэпс.

    дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха.
    сэ уэрэдкIэ гъащIэм ухэстха.
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?

    лъагъуныгъэм къипэщIащ зы хабзэ.
    кIуауэ щытми пэжыр имыхъуэж.
    къызэтыж уэ сигур сыкъэгъази,
    уи фэеплъуи ар къысхуэгъэнэж.

    дахэу удз гъэгъам – япэу къыхэсха.
    сэ уэрэдкIэ гъащIэм ухэстха.
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?
    сыткIэ уигу сеуа, си дахэ,
    хэт усIэщIиха, си гъатхэ,
    жэуапыншэу щхьэ сыкъэбгъэна?



    Другие песни Магамед Дзыбов:

    Все тексты Магамед Дзыбов